ЩIэгъэстэн - Мэш Исмел итхыгъэ

 

МафIэр мыункIыфIын щхьэкIэ пхъэ щIэх‐щIэхыурэ пэрадзэ, абы щIэгъэстэнкIэ йоджэ. Адыгэ лъэпкъым щхьэхуитыныгъэр фIэкIуэда иужькIэ (1864 гъ.) адрей лъэпкъхэм я щIэгъэстэну къэнащ (материал). 

Апхуэдэу щытащ урыс‐тырку зауэм (1877‐1878 гъ.) хэкум ирахуахэр зы лъэныкъуэмкIэ мыдрей хэкум къина щхьэхуимыт хъуахэр зы лъэныкъуэмкIэ щыту зэрыхэтар,  урыс‐епун зауэм хэтахэр (1904‐1905 гъ.), "дикая дивизия" (I9I4‐I9I8 гъ.) жыхуаIэу урысыдзэм хэту зэуа адыгэхэр, апхуэдэу щытащ урыс къэралыр (я лъэхъуэщыр) нэмыцэм щахъумэу сэшхуэ пцIанэкIэ танкхэм пэщIэува адыгэ шу минитхуыр мыдрей а зауэм хэтауэ хъуари ягъусэжу (I94I‐I945 гъ.), иджы апхуэдэщ урыс‐укрэин зауэм (2022 гъ. ‐ ?) адыгэ нып зыIыгъыу хэтхэр.      
      
Мы зауэхэм хэтахэм езым я хэку ямыIэжу лIыгъэ зэрахьэу къафIэщIыжу дэри импер пропагандэм апхуэдэу къытфIигъэщIу йокIуэкI, ауэ ипэжыпIэкIэ мыхэр псори Адыгэ Хэкум щхьэкIэ зэуакъым, империехэм я ШЭПЭlУЫДЗ ‐ ЩlЭГЪЭСТЭНУ щыта къудейщ. 

ЩIэгъэстэну дыкъэзыгъэнам еджапIэхэр, прессэр иIыгъщи мы зауэм хэтахэм лIыгъэ зэрахьа хуэдэу лъэпкъыр гъуджэ нашэ иригъаплъэу зэрешэ, зэрымыгушхуэн хуейм иригушхуэу егъасэ (дезориентирование системы ценностей ‐  гъуазэ пхэнж ирегъэлъагъу).

Узэрыгушхуэн хуэмейм уригушхуэмэ ар щыхупIэм уезышалIэ нэщыпхъуэщи лъэпкъым и нэр зэ къэплъэжмэ къыгурыIуэжынщ лIыгъэ зехьэныр Хэку Хуитыныгъэм зэрепхар, лIыгъэмрэ напэмрэ зыуэ зэрыщытыр.        
      
Адыгэр и хэкум щхьэкIэ зэуащ щыжытIэм деж гу лъыттэкъым нэхъыщхьэм, сыт щыгъуи ар щIэзауэр и напэращ,  ‐"лIэным лIыгъэ хэлъщ"‐ жери Тхьэшхуэм къыщIигъэщIар и лIы напэр ихъумэн щхьэкIэу елъытэри щхьэхуимыту (лIа пэлъытэу) псэуну игу техуэкъым. 

Хуитыныгъэр ‐ Напэр имыхъумэжмэ унэIут хъунущ, унэIут хъуам щхьэхуитыныгъэ иIэжкъыми напи иIэжкъым, къыхуэнэр щIэгъэстэну щытынырщ. 

ЗЭРЫЩЫТЫР ЗЫМЫЛЪАГЪУМ ЗЭРЫЩЫТЫН ХУЕЙР ИЛЪАГЪУНУКЪЫМ.   
                  
Мэш Исмел



Comments